Зера Бакова

Бабыгу Эргун и усыгъэр. Поэтическое творчество репатрианта Эргуна Бабуг


Скачать книгу

уауэ

      «Си акъыл къыэрихьэрэ хэкум си нэ къыхуикIыу сыпсэуащ. Пэжыр жысIэнумэ, дызыхэс лъэпкъымрэ дызэрыс щIыналъэмрэ зэи сащыщу зыхэсщIакъым. Мыр жысIэныр емыкIуми сщIэкъым, ауэ я гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэу, я гуауэр си гуауэу зэи къысщыхъуакъым. КIэщIу жыпIэмэ, сахэзэгъакъым, Iэмал зэрызгъуэтуи, си щхьэр къисхри си унэ къэзгъэзэжащ», – къыджиIат Бабыгу Эргун, университетым къедгъэблэгъауэ:

       Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

      Зауэм къикIыж хуэдэу ешауэ.

      Илъэсищэрэ плIыщIрэ и ныбжьу,

      ГъащIэм иригъэзэшауэ.

      Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

      И псалъэм хамэбзэ къыхэхуэу.

      ЖиIэр къыбгурымыIуэж хъуарэ,

      Хуэсакъ пэтми, къыжьэдэхуу.

      Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

      Мыпхуэдиз илъэс нэужьым.

      Мис и унэ къекIуэлIэжащ,

      Тетурэ адэжь лъэужьым…

      Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

      Фи зэхуакум зэман кIыхь докI.

      Ар уэ щIагъуэу къыпфIэмыIуэхуми,

      А къэкIуэжар гъуэгу жыжьэ къокI.

      Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

      Убыд и Iэпэри зэшэлIэж.

      Зебгъапщэмэ адрей лъэпкъхэм,

      Узыхуэныкъуэр уэри уощIэж.

      Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

      Уэ къуэ ухуэныкъуэу щытмэ.

      Лъэпкъхэм дахэкIуэдэжынущ,

      Дызыхыхьэжу дызэкъуэмытмэ.

(Бабыгу Эргун,Налшык, Мазае, 2007)

      Бабыгу Эргун Сейфи и къуэр хэкум икIа Бабыгу Iэсхьэд и еплIанэ щIэблэу 1964 гъэм Тыркум щыIэ, БабыгуеижькIэ зэджэ къуажэм къыщалъхуащ. Бабыгу (тыркубзэкIэ Yıldız – вагъуэ) унагъуэцIэр зезыхьэ куэд а къэралым щопсэу, икIи ахэр зэунэкъуэщкъым.

      УнагъуэцIэр тыркубзэкIэ хъуэжын хуей щIэхъуар иджыпсту куэдым яцIыху – адыгэцIэхэр, унагъуэцIэхэр, къуажэцIэхэр тыркубзэкIэ щрагъэхъуэж зэман Тыркум щыIащ. Ар къэралыгъуэм и политикэт —

      уебэкъуэн, умыгъэзэщIэн ухуиттэкъым – абыкIэ зыри къоупщIтэкъым. Мы

      Iуэхугъуэм къыпэкIуащ нобэкIэ хамэщI щыпсэу адыгэ куэдым къызыхэкIамрэ къыздикIахэмрэ зэрамыщIэжыр. Эргун (Ахърэт нэху кърит) и IэщIагъэкIэ электрикт, электроникэм хуезыгъаджэ институтыр къиухат, и лэжьыгъэри а IэщIагъэм епхат.

      Зэрысабийрэ адыгэр хамэ лъэпкъым зэрахэсыр, зэрахэкIуэдэжыр игу темыхуэу, ар фIэтхьэмыщкIагъуэшхуэу псэуащ. А зэманым къыщыщIэдзауэ и гукъеуэхэмрэ гуфIэгъуэхэмрэ тхыгъэкIэ къиIуэтэныр хабзэ хуэхъуауэ къэгъуэгурыкIуат.

      Абы и тхыгъэхэр адыгэ журналхэм, газетхэм я мызакъуэу, Тыркум къыщыдэкI газетхэми журналхэми мызэ-мытIэу къытрадзащ. Эргун и усэ 80-м нэс тырку антологием хыхьащ. А усэхэм фIыуэ сыщыгъуазэщ. Абыхэм ящыщ гуэрхэри си доктор диссертацэм хэзгъэхьат, урысыбзэкIэ зэздзэкIри. Абы щыгъуэ гъунэгъуу дызэрыцIыхутэкъым, и тхыгъэхэм, и IуэхущIафэм мащIэу сыщыгъуазэу аркъудейт. Диссертацэм зы Iыхьэр хухэхат хамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа усакIуэхэм я гъащIэм, творчествэм, къаIэт темэхэм, я гурыгъ-гурыщIэхэм. Къэхутэныгъэми сэбэпкIэ, хамэщI щыпсэу куэдым я зэфIэкIым сыщыгъуэзат. Бабыгури абыхэм ящыщт.

      Лъэпкъ антологием уи усыгъэр хагъэхьэныр усакIуэм и зэчийр здынэсыр къэзыгъэлъагъуэ зы Iуэхушхуэщ. Сытыт ахэр (усэхэр) нэхъыбэу зытеухуар жыпIэмэ, псом ипэ итщ хуитыныгъэ темэр – псалъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ образ хьэлэмэтхэр къигъэщIурэ усакIуэм къигъэлъэгъуащ а щытыкIэ лъагэр, лъапIэ дыдэр. «ЦIыхур насыпыфIэу псэунумэ, цIыхубэм хуитыныгъэ игъуэтын хуейщ» – мы гупсысэращ усакIуэм и творчествэ псом гухэлъ нэхъыщхьэ хуэхъуар. Укъыздалъхуар хамэщIми, хэкужь зэрыуиIэр зыхэпщIэу, ар унапIэ пщIыжыныр уи гугъапIэу щытын хуейщ Эргун и тхыгъэхэм хуэдэ къэбгъэщIын папщIэ. Ар зэрыпсэуари апхуэдэущ – езым хузэфIэмыкIынрэ зэрыщымытрэ усыгъэкIэ къигъэлъэгъуакъым. СыусакIуэщ жиIэуи мыхьэнэшхуи зритыжакъым (мыхьэнэ езытар сэращ). Сыусэнщ жиIэу лейуэ къалэмыр къищтакъым, атIэ и гукъеуэ мащIэр, зэрыхъукIэ усэбзэкIэ къиIуэтауэ аркъудейщ – усэбзэр и анэдэлъхубзэу къыдэпсэлъауэ аращ.

      АдэкIэ – зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ, лъагъуныгъэ темэхэращ. Ахэри гъэщIэгъуэну къэIуэтащ. Эргун и творчествэ псом хуитыныгъэм бгъэдэту щыпхышат Хэкужьым ехьэлIа темэр – мы тIур и тхыгъэхэм щызэпыщIат – дуней псом текъухьа хъуа и лъэпкъыр хэкужьым къызэрыришэлIэжын, адыгагъэр, адыгэ хабзэр – ахэр къызыпкърыкIыж адыгэбзэр ящымыгъупщэжын къудей мыхъуу, куууэ зрагъэщIэн, я гупсысэкIэ, дуней тетыкIэ ящIын, и лъэпкъым и щхьэм кърикIуаращ, нобэ и щытыкIэращ, и пщэдейращ. Хэкум къимыгъэзэжмэ, адыгэр зэрыкIуэдынум шэч къытрихьэжтэкъым усакIуэм: «Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу, Мыр зи бзэри дэращ, зи хабзэри дэращ». Феплъыт:

      Хуэм хуэмурэ уокIуэдыр, адыгэ щIалэ,

      Хабзэр, бзыпхъэр пфIокIуэдыр, щIэхыу къэгъазэ.

      Уи бзэ пщIэжкъым – тыркубзэр пфIыхэзэрыхьащ,

      Уи хабзэм хамэ хабзэр пфIытезэрыхьащ.

      Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу,

      Мыр