къэзыгъэлъагъуэщ. КIыщокъуэм и тхыгъэхэм къахощ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр. Абыи и закъуэкъым. Алим и творчествэм и зыужьыкIам набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ дэтхэнэми хьэкъыу пхыкIынущ ди адыгэ художественнэ литературэм къикIуа гъуэгуанэр зэрыщыту.
Алим и тхыгъэ нэхъыфIхэр щызэхуэхьэсауэ, томих хъууэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ 2004-2007 гъэхэм.
КIыщокъуэ Алим и гъащIэ гъуэгуанэмрэ и художественнэ тхыгъэхэмрэ
Сыжейми, си нэр зэтесхами,
Щхьэлыкъуэ къуажэр щIэтщ си нэгу.
Бжьыхьэ жыг тхьэмпэу пыщэщахэм
Сахэлъу жьыбгъэм сагъэджэгу.
(КIыщокъуэ Алим)
1. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ. КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр 1914 гъэм июлым и 22-м Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Алим и адэ Пщымахуэ хьилмышхуэ иIащ, дин щIэныгъэфI бгъэдэлъащ. А зэманым мыдрисэрат адыгэхэм щIэныгьэ нэхъ къызыщIахыфыр. Пщымахуэ Адыгейм хыхьэ Хьэкурынэхьэблэ къуажэм дэт мыдрисэм зыкъомрэ еджакIуэу щыIащ. Аращ Алим и анэ Куэз къыщицIыхуауэ щытари. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жиIащ адыгэм. Адэм и хьилмыр, Пщымахуэрэ Куэзрэ яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэр, цIыхугъэр я бынхэми къащтащ. Пщымахуэ сыт щыгъуи хущIэкъурт и бынхэм щIэныгъэ зэрыритыным.
Зэщхьэгъусэхэм Къэбэрдейм къагъэзэжри зэман заул дэкIауэ, 1914 гъэм, дунейм къытехьащ я щIалэ етIуанэр, адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ тхакIуэшхуэ хъуар.
Алим и гъащIэр къызэрекIуэкIам теухуауэ, 1974 гъэм, Москва къыщыдэкIауэ щытащ «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» («Вид с белой горы») тхылъыр. Абы тхакIуэм мыпхуэдэу щетх:
«Ди адэм щIалищ къыхуалъхуати, сэ сранэхъыщIэт. Нэхъыжьым Рашид фIащащ, абы кIэлъыкIуэм – Iэмин. Iэмин зы илъэсщ зэрыпсэуар. Сэ сыкъыщалъхуар 1914 гъэм июлым и 22-рщ, ар щызгъэбелджылыжар иужькIэщ – ди анэм и гукъэкIыжхэм тесщIыхьурэ».
И щIалэр еджэным зэрыхуэпабгъэм гу лъызыта адэм Алим цIыкIу щIэныгъэ игъуэтын папщIэ сыткIи дэIэпыкъуащ. Алим и акъыл зэрыубыдыгъуэм къицIыхуауэ щытащ къэбэрдей усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ абы и ныбжьэгъуфI ЛIыгъур Ибрэхьимрэ. Ар къыщыхъуар 1926 гъэрщ, Алим Бахъсэн дэт школ-интернатым щеджэну щагъэкIуарщ.
Алим и гъащIэ гьуэгур зыубзыхуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къэплъытэ хъуну къыщIэкIынущ ар Бахъсэн щыщеджа илъэсхэр – 1926—1931 гъэхэр, сыту жыпIэмэ абы и егъэджакIуэхэм яхэтт адыгэ усыгъэм и вагъуэ ЩоджэнцIыкIу Алий. И адэ Пщымахуэрэ Алийрэ я нэIэ щIэту ежьа псыпэр адыгэ литературэм махуэ хуэхъуащ.
И анэ Куэзи, езы Алим зэритхыжымкIэ, цIыху хьэлэмэту щытащ.
«Ди анэр Хьэкурынэхэ япхъущ. А унэцIэм хъыбар гъэщIэгъуэн къыдокIуэкI. Мыпхуэдэущ ар къызэрежьар. КIахэ къуажэ гуэрым бий къытеуащ. Бийм къуажэр зэрызэтригъэсхьэнум шэч къытрахьэртэкъыми, жылэр мэзым щIыхьэжащ. Зы фыз уэндэгъущ къыдэнар. Къуажэр щагъэсым, бийм заIэримыгъэхьэн щхьэкIэ, фыз уэндэгъур хьэкум ипщхьащ, абы илъхухьащ фызыр. Бийр ящхьэщыкIа нэужь, жылэр къыдыхьэжащ, фызыр мафIэм исауэ кърихьэлIэжащ, ауэ сабийм и псэ пытт.
Хьэкум иралъхухьа щIалэ цIыкIуращ Хьэкурынэхэ