етIуанэу къыдэкIыжащ.
А лэжьыгъэшхуэхэм къадэкIуэу, утыку къэдмыщIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ еджапIэхэм яхуигъэхьэзыра тхылъхэм я гъэхьэзырыкIар. Ахэр зэрызэхэгъэувар нобэрей школ хрестоматиехэм хуэдэукъым – текст хьэзырхэр къищтэу зэрыхуейуэ тхылъым иригъэувэу. А лъэхъэнэм узыхэщыпыхьынышхуэ художественнэ лъэпкъ литературэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, езым урыс, хамэ къэрал классикхэм я тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIыурэ, зэрынэхъыфIым хуэдэу, классхэм ятригуашащ. Мыр икъукIэ лэжьыгъэшхуэт. А Iуэхугъуэм и гугъу щытщIащ «V—XI классхэм папщIэ адыгэ литературэмкIэ программэхэмрэ учебникхэрэ я IуэхукIэ. 2 Iыхьэ. 9-11-нэ классхэр» ди тхылъым.
1941 гъэм дунейм къытехьащ КIыщокъуэ Алим и япэ усэ сборникыр – «Бгы лъапэм деж» зыфIищар. Ауэ, зэрыжаIэщи, тхылъым щыгуфIыкIыну хунэмысауэ, Хэку зауэшхуэм щIидзащ, икIи Алим абы яшащ.
КIыщокъуэр зауэм хэтащ. Хэтащ псэемыблэжу, и Хэкур ихъумэжу. Ар япэ щIыкIэ ротэм и командиру щытащ. ИужькIэ 115-нэ шу дивизэм – НацдивизэкIэ зэджэу щытам – хэту зэуащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ зэрыусакIуэр, тхакIуэхэм я союзым зэрыхэтыр къалъытэри, фронтым Iутхэм папщIэ къыдэкI «Сын Отечества» газетым щылэжьэну ираджащ.
ЗауэлI гъуэгуанэр къиухыу и унэ къигъэзэжа нэужьи, и псэм хэлъ литературэм и гур утIыпщауэ хуэлэжьэну ар хущIыхьэркъым. Зауэм зэхикъутахэр къэзыIэтыжын цIыху республикэр хуэныкъуэт. Арати, КIыщокъуэр щIэныгъэ IуэхухэмкIэ наркому ягъэув. Илъэс зытIущ докIри партым и Къэбэрдей обкомым идеологиемкIэ и секретару хах.
Лъэхъэнэ гугъум апхуэдэ къулыкъушхуэхэм закъыдэбгъахуэу литературэм уелэжьыныр тынштэкъым, ауэ къалэмыр игъэтIылъыжыркъым КIыщокъуэм усэщIэхэр етх, тхылъыщIэхэр къыдегьэкI.
2. Тхылъхэр. 1946 гъэм «Шум и гъуэгу» усэ тхылъыр Налшык, къыщыдэкIащ и тиражыр мини 5 хъууэ. Тхылъым и редакторыр Къамбий Хь.
1948 гъэм Къэбэрдей тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Алим сабийхэм папщIэ итхыжа таурыхъхэр: «Елбэздыкъуэ», и тиражыр мини 3 хъууэ; «Бажэ пшынэ», мини 5 хъууэ; «ЩIалэгъуэ щIыналъэ» усэ тхылъыр дунейм къытехьащ, мини 2 хъуууэ. «Бажэ пшынэр» 1982 гъэм, мини 10 хъууэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIыжауэ щытащ.
1949 – 1950 гъэхэм «Алъхъо» пьесэр «Къэбэрдей» альманахым и 3-нэ 4-нэ тхылъхэм къытрадзащ.
1950 гъэм Алим и щIэныгъэм хигъэхъуэну Москва макIуэ. А лъэхъэнэм КIыщокъуэм и Iэзагъымрэ и зэфIэкIымрэ заузэщI – тхыдэм, бзэм, эстетикэм нэсу щыгъуазэ хуохъу, тхэнуи нэхъ хущIыхьэгъуэ егъуэт.
1953 гъэм КIыщокъуэр республикэм и Министрхэм я Советым и председателым и къуэдзэу ягъэув. А гъэ дыдэм «Партыр ди пашэу» усэ сборникыр къыдэкIащ, 1955 гъэм – «Тисей» поэмэр. Мазэ бжыгъэ фIэкI дэмыкIыу, 1956 гъэм, «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ» сборникыр дунейм къытехьащ.
1957 гъэм тхын иухащ «Лавина с гор» фильмым и киносценариер. Ар Крепс Владимир и гъусэу итхащ.
Зыпэрыт IэнатIэшхуэхэм, цIыху куэдми яIущIэу зэрыщытым я фIыгъэкIэ усакIуэм гъащIэм нэхъыбэ хищIыкI хъуащ. Ауэ абыхэм къаруушхуэ тригъэкIуадэрт, и талантыр нэсу къызэкъуихынуи Iэмал игъуэтыртэкъым. Ар фIыуэ къызыгурыIуэж усакIуэр лъаIуэри 1959 гъэм къэрал къулыкъущIапIэм