Зера Бакова

Публицистика. Сборник статей и публикаций автора


Скачать книгу

Мы усэ тхыгъэхэр литературэмкIэ ди еджапIэ программэм хэтт, еджакIуэхэм я анэдэлъхубзэ тхылъхэм итт.

      КIуащ БетIал, Алий сымэ фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар адыгэбзэмкIэ си егъэджакIуэ, ди еджапIэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Абазэ Бетэт. Абы и лэжьыгъэм фIыуэ хищIыкI къудейтэкъым, ар икIи гъэсакIуэт, еджапIэри фIыуэ зэрихьэт. Апхуэдэу, КIуащ БетIал усакIуэм ди егъэджакIуэр дахащэу къытхутепсэлъыхьат. Иджыпсту и дерсым сыщIэс хуэдэу соцIыхуж къыджиIахэр. Абы щыщу мыри:

      «Майм и 1-м Налшык дыдэту, цIыху куэд зэхэту дахуэзати, дащыбгъэдыхьэм БетIал зэрыщымыIэжыр къыджаIат…».

      ИпэкIэ къэсхьа усэхэр тщымыгъупщэжу къытхэзылъхьар ди егъэджакIуэращ. Усэхэр зэпкърихт, ар зытепсэлъыхьыр уи нэгум сурэту къыщIигъэувэу; усакIуэ, тхакIуэ куэд ищхьэкIэ ицIыхути, абыхэм екIуу къытепсэлъыхьт. Адыгэ литературэр фIыуэ дэзыгъэлъэгъуар а нэхъыжьыфIращ. И ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!

      Сабийр школым щыщIэсым дежщ тхылъыфIхэм щебгъэджэнур, ари къыхэщыпыкIа защIэу фIым я фIыжу, усэ дахэ куэди гукIэ зригъэщIэн хуейщ – мыбы къэрал пщалъэ иIэщ: илъэсым усэ 20 гукIэ зригъэщIэн хуейуэ, ар е 5-нэ классым щыщIэдзауэ е 9-нэм нэс. Псори зэхэту уси 100 мэхъу, адрей классхэр къыхэдмыгъэхьэми. Уси 100 гукIэ зэзыгъэщIам и анэдэлъхубзэр щыгъупщэжын? Иджы дызэвгъэупщIыжыт: гъэзэщIа хъууэ пIэрэ мы къалэныр?

      Иджыпсту КIуащ БетIал и усэу мыхэр ихуащ учебникхэм, программэхэм хэхуащ: «Си гъусэщ» (гукIэ зэгъэщIэн), «ГуащIэдэкI», «Си лъахэр», «Сэ сфIэфIщ», «Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыфыр» (гукIэ зэгъэщIэн), «Шэрэдж», «ФIымрэ Iеймрэ» (гукIэ зэгъэщIэн), «Уэр мыхъуам, сыбгъэдамэншэт», «Сыт сызыщышынэр», «Индыл», «Си Хэку», «Си псыхъуэгуащэ», «СфIэфIкъым, хуейми ирепсэу», «Нэху» поэмэр (хэзыгъэгъуазэр гукIэ зэгъэщIэн).

      Адыгэ сабийр еджапIэм щыкIуэ илъэс пщыкIузым къриубыдэу сыхьэт зыбгъупщI кърет БетIал и творчествэр иджыну. Ар мащIэ хьэмэрэ куэд? КIуащ БетIал и зэфIэкIыр къэплъытэмэ, ирикъунщ пхужыIэнкъым, ауэ Iуэхур здэщыIэр мыхэри екIуу цIыкIухэм бгъэдалъхьа зэрымыхъуращ. УсакIуэхэм, тхакIуэхэм я творчествэм, я биографием щыщ пычыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр художественнэ тхыгъэхэм епхауэ, абыхэм удихьэхрэ гукъинэжу егъэджакIуэр тепсэлъыхьыфкъым – жиIэнур ищIэкъыми. Темэ къэбгъэнэIуам еджакIуэ цIыкIухэр дебгъэхьэхынумэ, уэ, езы егъэджакIуэр, а узытепсэлъыхьым ущыгъуазэу къэмынэжу, фIыщэу плъагъуу щытын хуейщ. Адрей предметхэм литературэр къащхьэщокI – мыр хабзэкъым – тIум тIу хэплъхьэмэ плIы къыщIидзу, атIэ литературэр зэпхар лъагъуныгъэращ. Сытым тепсэлъыхьу щытми, къиIуатэр лъагъуныгъэщ, къызэриIуатэри лъагъуныгъэбзэщ, ари уи анэдэлъхубзэ дахэмкIэ къыщыIум деж, уи Iуэхушхуэ хэмылъыжу, генетикэр мэлажьэ.

      Псалъэм папщIэ, «ДжонитI» поэмэр адыгэ литературэ еджапIэ тхылъхэм нэхъыбэ дыдэрэ итащ, иджыри къекIунут, япэ едзыгъуэри гукIэ зэдгъащIэу щытащ:

      Хы адрыщIым къыщыхъу куэдым

      Ящыщ зыщ иджы

      КъиIуэтэнур си уэрэдым, —

      Стхар си макъкIэ вджы…

      ….

      Оклахомэ гъэ тIощIанэм

      Къыщалъхуат щIалитI,

      Зэхэгъэж зыщI лъахэ-анэм

      Къаритау гъуэгуитI…

      «ДжонитI» поэмэр