Зера Бакова

Публицистика. Сборник статей и публикаций автора


Скачать книгу

Хэку иным зыхуэзыгъазэу щыта усакIуэшхуэм «Хэку цIыкIу» жыхуаIэм фIэкIа Iуэху иIэжтэкъым, и псалъэм етIуанэт «Щхьэлыкъуэр». Мыпхуэдэ къыщIэдзапIэхэрщ яIэр, псалъэм папщIэ, абы и усэщIэхэу, тIэкIу нэхъ пасэу итхахэри ящIыгъуу, «Щхьэлыкъуэ» тхылъым хыхьахэм:

      Сыкъыщалъхуауэ сэ си къуажэр

      ПщIыхьэпIэм хуэдэу нэгум щIэтщ.

      Хъыбархэр жыгым къыполъэлъри,

      Си гур Iэл хъуауэ къысфIолъэт.

      («Ди унэжь»)

      «Щхьэлыкъуэ» жаIэм – ар дэ ди бзэщ,

      «Шалушка» жаIэу зэрадзэкI.

      Дэтхэнэр бзитIым я нэхъ лъэщыр?

      МымащIэу тIури зэблокIуэкI.

      Дауэгъуи сщIыркъым сэ а тIури,

      БзитIым текIуэныр я нэхъ лъэщщ.

      Ауэ си дежкIэ нэхъ текIуапхъэр

      «Щхьэлыкъуэрщ», ар нэхъ сфIэзэпэщщ.

      («Щхьэлыкъуэ» жаIэм…»)

      Сыжейми, си нэр зэтесхами,

      Щхьэлыкъуэ къуажэр щIэтщ си нэгу.

      Бжьыхьэ жыг тхьэмпэу пыщэщахэм

      Сахэлъу жьыбгъэм сагъэджэгу.

      («Сыжейми…»)

      Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху,

      Си къуажэ жыжьэр пщIыхьэпIащ.

      Ди жыг хадэшхуэм сихутауэ

      Балий къапыхур къэсщыпащ.

      («Ныжэбэ жэщи…»)

      Лъахэр егъэлеяуэ фIыуэ зылъагъу лирикэ лIыхъужьым – усакIуэм къелъытэ абы и псым нэхъ IэфI щымыIэу, ар чэф ящI абы и удзымэм, абы и жыг хадэр жэнэтщ – уи балийри, уи кхъужьри, мыIэрысэри щыгъунэжщ; хэкум дыгъэм и бзийхэри щынэхъ уэрщ, пшэплъри щынэхъ дыхьэрэнщ, и уафэм вагъуэхэри щынэхъ гуэрэнщ… ЩыIэкъым, абы хуэдэ! Аращ усакIуэм и пщIэмрэ и щIыхьымрэ ихъумэным нэхъ къалэн ин дунейм щIыщимыIэр, лъахэм псэр щIитыну хьэзырщ лирикэ цIыху пажэр.

      ЗэрыжытIащи, и гупсысэхэр дапщэщи и хэкумкIэ къэгъэзауэ щытами, КIыщокъуэр и «хэку цIыкIум» – и адэжь и унэм псэкIи усэкIи «къыщетIысылIэжыпар» и ныбжьри хэкIуэтауэ узми къыхигъэзыхьу, хэку лъагъуныгъэ гуащIэ гъунапкъэншэр къыпкърыуэпарэ зыщыщIалъхьэжыну къыпэщылъ жылэжьым егъэлеяуэ къыхуэзэш щыхъуар «Щхьэлыкъуэ» усэ тхылъыр щигъэхьэзыра иужь илъэсхэрщ. ИкъукIэ гурыщIэ куу къаIуатэу, и псэм и къабзагъэр щынэрылъагъуу, и гурыгъухэри (гукъеуэхэри) щыщIэмыуфауэ адэжь лъапсэм зэрызыхуигъэза псалъэхэщ Алим и иужьрей усэхэр. А усэхэм ящыщ зым абы щыжеIэ:

      Си жьыщхьэ нобэ сыпхуэупсэм,

      Псы IэфI исфари сигу имыкI.

      Уэрэду си гум къопсэлъыкIыр,

      Къуажэжьыр – си гум къошхыдыкI.

      («Сыжейми, си нэр зэтесхами…»)

      Уэрэду и гум къипсэлъыкI, мычэму и гум къишхыдыкI къуажэжьыр – и лъапсэр ауэ сытми игъэфIэн, ар фIыщэу зэрилъагъур жиIэн къудейркъым КIыщокъуэр абы щIыхуэусэр. Пэжщ, а гупсысэр – лъапсэр, хэкур бгъэфIэну дунейм утетыху узэрикъалэныр Алим нэгъуэщI и зы усэми, абы и щхьэусыгъуэри IупщIу къыщигъэлъагъуэу, щыжеIэ:

      Дэ махуи жэщи демызэшу,

      ДыпIащIэ-тхъытхъыу къыдожыхь.

      Ди псэм нэхъ къищтэр дымыщIэжу,

      Дигу иримыхьыр хыдокухь.

      Дунейм