и 1-м усакIуэр дунейм гуузу ехыжащ.
«1 мая 1957 года погиб (в Нальчике) при невыясненных обстоятельствах», —
мыращ дэфтэрым иратхар. БетIал Налшык щыщIалъхьащ. Егъэлеяуэ цIыху куэд къекIуэлIат БетIал и щыгъуэ дауэдапщэм. Ар къыхощыж абы щыгъуэм траха сурэт мащIэм, и ныбжьэгъухэри куэду а Iуэхум тепсэлъыхьыжащ. Ауэ и дуней ехыжыкIэ хъуар иджыри къэгъэнэIуакъым.
БетIал и гугъу пщIыуэ, ныбжьэгъу пэжу иIам – и хьэ Барсик – гу лъумытэмэ, усакIуэм и образыр щыз хъункъым, езы дыдэми и гуапэнтэкъым. УзэщIакIуэ, щIэныгъэлI Нало Заур абыхэм теухуауэ мыпхуэдэу итхыжат:
«Куда бы ни шел Бетал, за ним постоянно следовал его верный пес Барсик, который был известен в Нальчике своей преданностью не меньше, чем его хозяин – своим высоким призванием».
КIуащ БетIал щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым щылажьэм щыгъуэ, езым япэ иту и хьэр пэшым щIэлъадэти, и Iэнэм хуиту къытегъуалъхьэт. Абы щхьэкIи къэхутакIуэр псалъэмакъхэм хэт зэпытт, езым ар къригъэкIуми, адрейхэр куэду къыхуэарэзытэкъым, ауэ, дауэ ищIми, и Барсик зыхуейрат игъэнэхъапэр. Мы тIур лъагъуныгъэшхуэкIэ зэпыщIат, хэбгъэзыхьмэ, псэ зыIуту дунейм тетахэм псом нэхърэ нэхъыфIу усакIуэм илъэгъуар и хьэрагъэнщ, кIуэ, сэ и унагъуэм и гугъу сщIыкъым. КIуащым зы къуэ иIэт, абы и цIэри БетIалт (ар 1953 гъэм къалъхуащ), мыр зыхуитхар, дауикI, и щIалэрагъэнщ:
Си псэ, си нэ, псэм къесхьэкI,
ГъащIэу сиIэр къызыхуесхьэкI,
Си уэрэдым уэ дэжей,
Си къуэ закъуэ, жей.
Нало Заур студент пэшым къедгъэблагъэурэ анэдэлъхубзэм и IэфIыр куууэ зыхэзыщIэу щыта усакIуэм тедгъэпсэлъыхьт. Налом КIуащым и тхыгъэхэр зэригъэзэхуэжри, къыдэгъэкIыным хуигъэхьэзырат. Iуэхур зэрыщыта дыдэм ущIэупщIэмэ, БетIал и тхыгъэхэр зэхуэхьэсыжыным куэду елэжьар, усакIуэм ди литературэм щиубыд увыпIэр зыгъэбелджылар Налоращ. Заур жиIам дытету аращ иджыри. Апхуэдэ лэжьыгъэфI куэд Нало Заур адыгэм яхуищIащ. Псапэу Тхьэм къритыж!
Критик Сокъур Мусэрбий ящыщщ усакIуэм екIуу тепсэлъыхьахэм, абы зэритхыгъащи, «ЩоджэнцIыкIу Алий и „Iэгъуапэм къилъэта“ КIуащ БетIал».
ЕгъэджакIуэ, щIэныгъэлI, тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан псэухукIэ, ар щылэжьа КъБкъУ-м и адыгэбзэмкIэ и кафедрэм, езым и Iэнэм тебза абджыпсым къыпхырыплъу КIуащ БетIал и сурэт телъащ, – усакIуэр удзыпцIэм хэлъу. Иужьым здахьыжар сщIэкъым. Сигу къоуэ нэхъыжьхэм къаIуэтэжа хъыбархэр зэрызмытхар, сурэтыр зэрызмыхъумэфар. Иджыпсту щыIэ зэратх Iэмэпсымэхэм хуэдэ абы щыгъуэм щыIакъым, ауэ щыIэр къэзгъэсэбэпу, зыгуэрхэр схъумами хъунут. КъаIуэтэжхэр гъэщIэгъуэн защIэт. Псом хуэмыдэу, усакIуэмрэ и хьэмрэ ятеухуа хъыбархэр зы тхылъ хъунт. Зы къыхэзгъэщынщ: усакIуэр дунейм ехыжауэ, ар щагъей пэшыр етIуанэ къатти, хьэр абы щIагъэхьэнт – Iуфэлъафэр къижыхьт. Иужьым зиIэтри, щхьэгъубжэмкIэ дэлъат. УсакIуэр щIалъхьа нэужькIи, и кхъащхьэр и хьэм ихъумащ.
УсакIуэр дахэу игу къигъэкIыжащ философ Шокъуий Къадир. Абыхэми укъеджэну гъэщIэгъуэн дыдэщ. Къадир илъэгъуащ БетIал, ицIыхуу щытащ. Критикым и зы тхыгъэм мыпхуэдэу щетх:
«БетIал къыпеуэн умыгъуэтыну усэ къеджэт, абы макъ дахэ зэпIэзэрыт