Зера Бакова

Публицистика. Сборник статей и публикаций автора


Скачать книгу

зэрыхущытыр:

      Уи жьэгу мафIэ щыужьыхым,

      Си адыгэ хэку,

      Дэп жьэражьэ сыпхуэхъункъэ,

      Си адыгэ хэку.

      Зы уIэгъэ уэ къыптехуэм,

      Си адыгэ хэку,

      УIэгъищэу зыхызощIэ,

      Си адыгэ хэку.

      КIыщокъуэм и усэ гупым, Щхьэлыкъуэм – и "хэку цIыкIум"  —теухуахэм IэкIуэлъакIуэу къыщыгъэсэбэпащ художественнэ  Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр, псом хуэмыдэу метафорэ шэрыуэхэр,  къэгъэпсэуныгъэ къарууфIэхэр, зэгъэпщэныгъэхэмрэ эпитетхэмрэ. Абыхэм тхыгъэхэр щIэщыгъуэ икIи гукъинэ ящI. Сыт хуэдэ, псалъэм папщIэ, "Зеич лантIэм" къыщыгъэсэбэпа, усэм шхэпс хуэхъуа рефреныр: "Си адыгэ хэку" жиIэурэ къытезыгъэзэжыр. Езы "зеич лантIэу гъэшыгъуафIэри" зэгъэпщэныгъэм и щапхъэ дахэщ.

      Езыр зэгупсыс псори, игу къеуэри, игу щIыхэхъуэри, псэкIэ зыхы-уигъэщIэфу игъэпсащ Алим и усэ псори. Ностальгие жыхуэтIэм къыпкърыкIа усэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ абы и «Кхъужьей къудамэр». Мыри эпитетхэмрэ метафорэхэмкIэ гъэкъулеяуэ щытщ, ауэ псом ящхьэу абы хэлъыр усакIуэм абы щIилъхьэфа поэтическэ къарурщ – пэжыгъэрщ, гурыщIэ къабзэрщ. Хэтыт зыщIэнур, мы усэр мыхъуамэ, КIыщокъуэ Алим къызыщыхъуа пщIантIэм ар и сабиигъуэм щыгъуэ зи щхьэкIэм фIэса кхъужьей дахэ дэтауэ? Псоми диIэщ лъапсэр ди нэгу къыщIэзыгъэувэж апхуэдэ нэщэнэ гуэрхэр. Кулиев Къайсын, псалъэм папщIэ, и бзэм пылъу щытащ «ди пщIантIэкум ит бжей жыгыр», «ди мэз лъапэм щыплъыжь зейр», жиIэу. КIыщокъуэми и адэжь лъапсэр ди нэгу къызэрыщIигъэувэ, езыми игу зэригъэфIыж сурэтщ кхъужьей жыг щхьэ баринэр.

      Усэм къызэрыхэщымкIэ, лирикэ лIыхъужьыр (усакIуэр) зыхуеи зыхуэныкъуи щыIэкъым а я кхъужьеижьым и зы къудамэ, тхьэмпэ пыту, илъагъуну фIэкI. АркъудеймкIэ къыбгуроIуэ зи лъахэм къыхуэпабгъэ, къыхуэзэш цIыхум абы къыхуиIэ лъагъуныгъэм и инагъыр.

      Сызыхуэныкъуэ сэ сыт щыIэ —

      Данэм сыхэсми, сыхэхэсщ.

      Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту,

      Ди хэкум къиши къысхуэгъэс,

      – мэлъаIуэ лирикэ лIыхъужьыр. «Данэм сыхэсми» жыхуиIэм къикIыр гурыIуэгъуэщ: «ХъугъуэфIыгъуэм сыщIигъэнами, сызыхуей псор згъуэтами, абы сыт и мыхьэнэ, уэ узимыIэмэ», – жиIэу аращ. А лIыхъужьым, дауи, и нэгу щIэтщ ди къурш абрагъуэхэр, ди мэз щхъуантIэхэр, ди псыежэх уэрхэр…«Кхъужъей къудамэм и гъусэнут / Псы уэр уэрэду си гъэфIэн. / Пшынэншэу къуршхэр къеуджэкIмэ, / Сахэт си гугъэу сыгуфIэнт», – къыщIыдыщIигъури аращ.

      Мы дызытепсэлъыхьа усэ зыбжанэмкIи къыбгуроIуэ КIыщокъуэ Алим хуэдэу лъахэ темэр зыгъэбэтэфа усакIуэ куэд зэрыщымыIэр, абыхэм нэрылъагъу ящI ар анэдэлъхубзэм и къулеягъымрэ и къарумрэ, и дахагъымрэ и IэфIагъымрэ, и къабзагъымрэ шэрууагъымрэ Iэзагъэшхуэ хэлъу къэзыгъэсэбэп, зыхуей гупсысэр абыкIэ къэзыIуэтэф усакIуэ ину зэрыщытар.

      КIыщокъуэм, и анэдэлъхубзэр зэрыкъулейри, зэрыдахэри и напщIэ телъу, ар зэрыхуэгъэшэрыуэми иригушхуэу, езыр зэрыусакIуэ гуащIафIэми, и цIэр лъэпкъым щымыгъупщэну гугъэ зэриIэми ирипагэу, мыпхуэдэу итхыгъащ:

      Къэзгъэзэнущ псыхьэлыгъуэу,

      Къуэр си макъкIэ згъэпсэлъэнщ.

      Гъатхэ