щхьэ птха, жаIэу щIэзытIэну хэтахэрщ. Апхуэдэхэм зэрытекIуари и усэ сатырхэм къыхощ.
Лирикэр зищIысым урегъэгупсыс мы усэ дызытепсэлъыхьым. ГурыщIэшхуэм, гупсысэшхуэм къагъэщIа усэщ «Си илъэсищэр». И гъащIэ гъуэгуанэ мытыншым ириплъэжу, и ныбжь зыдынэсари къыгурыIуэжу, зи щхьэм фIыуэ щIэгупсысыжа, и цIэр къызытенэну зыщыгугъ дунейми Iей зигу хуимылъ цIыхущ усэм хэт лирикэ лIыхъужьыр. И илъэсищэр къыщыс зэманым мыхэр къэхъунущ, жи абы, фIым я фIыжкIэ гугъэу: «Бжьыпэр зыIыгъым къыIэщIахынурэ зыри зимыIэм къылъагъэсынущ… Я ней къыстехуэм сагъэгумэщIу Си ужь итари къэсэхыжынущ».
АдэкIэ езым и Iуэху къызэрекIуэкIынкIэ хъунур, зыщыгугъыр екIуу къеIуатэ усакIуэм: «Нобэ щэ хъунут», – сэр папщIэ жаIэу, Iэнэ тIысыни хэкум исынущ… Къуалэбзу цIыкIухэм, хъуами нэхъ мащIэ, Абгъуэ ди жыгхэм къыпащIыхьынущ. IукIэ шхын къахьу, шырыр ягъашхэу, Си уэрэд Iыхьи бзухэм къахьынущ».
ИтIанэ, нэхъ хэкъузауэ, усакIуэм и щхьэ и унафэ ещIыж». Гъэмахуэ шылэу, дуней дахэгъуэу сыкъыщалъхуа махуэм, жи абы, уафэри гъуагъуэу уэшхыр къежэхмэ, псы къэмыжари (щхьэлыкъуэпс цIыкIурщ, дауи зи гугъу ищIыр) диным икIынущ. Апхуэдэ дуней къэхъунущ усакIуэр илъэсищэ щрикъу махуэм. Мы сатырхэри абы и щыхьэтщ:
Иреуэлбанэ е иребзыгъэ,
А махуэм бзухэр абгъуэм исынкъым,
ВакIуэ дэкIыгъуэм жаIэ уэрэдхэр
Ягу къэмыкIыжу яхуэшэчынкъым.
Iугъуи жьэрыми зэхэзэрыхьрэ
КъысщIихьэ закъуэм, сыкъэтэджынущ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу абдеж къэсынущ.
«И щхьэ и унафэ ищIыжа» нэужь, усакIуэр аргуэру йогупсыс дунейм и къэкIуэнум, и лъэпкъ цIыкIум и Iуэхур зэрыхъунум. Дауэ щымытами, сыт щыгъуи фIым еджэн, пэплъэн зэрыхуейр мы псалъэхэм къаIуатэ:
А пIалъэм си бзэу сызэрыпсалъэр
Лъапэ зэвыпIэ иувэпэнкъым.
Си лъэрыгъыпсыр зыубыдахэм
Ящыщым я лъэр ягъэбыдэнущ.
Уэрэд къыхадзэм, зэрыгъэгушхуэу,
СхужымыIари къыпащэфынущ.
Бзэм папщIэ иIэ гурыгъузыр мыбдежи къыщыфIыдоуей усакIуэм. НэгъуэщI гурыгъузи абы щIыгъущ: щIалэгъуалэр нобэ мэкIуэд щхьэусыгъуэ IэджэкIэ, ар, ухуеймэ, лъэпкъыр зытхьэлэ фадэм телъхьэ, щхьэрыуауэ кIуэд ди щIалэгъуалэрауи, машинэ зэжьэхэуэуи щIы, сомыр зэпаубыду Iэщэ къащтэу зым адрейр зэриукIыжырауи жыIэ. «Дунейр абдежи яфIэщIэщыгъуэу игъуэ нэмысу Iэджи кIуэдынущ», – сатырхэм къаIуатэ зи гугъу тщIыр. Усэр зэриухыжыр авторым ар къызэрыщIидза гупсысэрщ – Си илъэсищэр ягъэлъэпIэнущ, адэкIэ апхуэдэу, лъэпкъыр узыншэмэ, екIуэкIынущ, жыхуиIэрщ.
Си илъэсищэр пхуэмыгъэныщкIуу,
ЗыгъэныщкIуами хуемыгъэхыфу,
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ,
– мыхэрщ усэм и яужь сатырхэр.
Литературэм и адрей пкъыгъуэхэм (эпос, драмэ) къагуэкIыу лирикэм и дэтхэнэ тхыгъэ щхьэхуэми Iэмал къуитыркъым конфликтым и щытыкIэ, абы пыщIа нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдыр бгъэтэмэмыну, ар щызэпкъырыпхкIэ. Конфликт (дунеймрэ сэрэ ди зэхущытыкIэр, ди зэхущытыкIэнур сыт хуэдэ, дауэ дызэгурыIуа хъуну? –